Хынабдзэ



Роман

Си адэмрэ анэмрэ пхъу гулъытэ яхуэзыщIа, дунейм тетыхукIэ абыхэм я псэр зыгъэтынша си щхьэгъусэ Зэйрэт фэеплъ хузощI.

Iыхьэ I


Нэхунэ зэрыгъуэлъыжу, КIущэ макIуэри и пIэ кIапэм хьэмбыIуу тотIысхьэ. И кIэ кIапэр игъэпIэжьажьэурэ зэм и бгъэм, зэми и лъэпхъуамбэхэм йобзей. Нэхунэ гъуэлъыжыху, КIущи зодэхащIэри щысщ. ИтIанэ, абы и нэр зытрипIауэ зэрилъагъуу, езыми и щхьэр и бгъэ щабэм щIэлъу хъурейуэ зешыхьри, Нэхунэрэ абырэ, зэпеуэ фIэкIа умыщIэну, пырхъыу мэжьейхэр.

КIущэ къэхъейркъым Нэхунэ къэушыху, зэзэмызэ зиукъуэдийурэ аргуэру Iурехыж. Ауэ нэху щыуэ Нэхунэ къыщытэджкIэ КIущи къызэфIоувэри, шабзэкъум хуэдэу, и бгыр къреш, и бзэгур мащIэу къригъэжурэ зеукъуэдий, мэхущхьэ. Нэхунэ дежкIэ плъэуэрэ мэпщIэури, «баргуэ» жиIэу пIэм къолъэ.

А тIур апхуэдизкIэ зэсащи, Нэхунэ унэм щIэкIми, къыщIыхьэжми, псыхьэ кIуэми, къэкIуэжми, къубгъан ирихьэжьэми, зэзэмызэ худэплъейрэ хэпщIэукIыу и ужьым иту къекIухь. ТIэкIу зигъэпсэхуну Нэхунэ етIысэхми, зимыIэжьэу КIущэ абы и куэщIым йотIысхьэри зигъэзыжу, и нэхэр иуфIыцIу, къигъэплъэжу, и пащIэхэр къигъэуврэ и лъакъуэмкIэ илъэщIу исщ.

КIущэщ Нэхунэ псэлъэгъуу иIэр. Ар пщIэухукIэ Нэхунэ къещIэ шхэнуми, псы ефэнуми, щIэкIынуми, зыдигъэджэгунуми. Жьыуэ щIедзэри, КIущэ пщIэуху къэс зыхуейр хуищIэу махуэр щигъакIуэр нэхъыбэщ.

Илъэс хыщIрэ пщIым щыщIигъуакIэ и нэри набгъэ хъункъэ-тIэ, итIани Iуэхуншэу щысыфыркъым. Абдж лъэныкъуэм фIэкIа зэрымылъыж и нэгъуджэр зыIуелъхьэри цы едж. Мис итIанэ Нэхунэ удэджэгунум къеблагъэ. И куэм ириубыдыл1эурэ цыкIуэкIыр щигъэкIэрахъуэкIэ КIущэ, лъакъуитIкIэ мэуври, и фIалъэ лъакъуэмкIэ цыкIуэкI кIэрахъуэм йопхъуэ. Иубыдыпэу кIэрэхъуэныр щызэпигъэу къохъу. АпщIэндэху Нэхунэ мэшхыдэ. КIущэ ар къридзэркъым. Абы ещIэ Нэхунэ и Iи и баши къызэрытемыхуэнур.

ЩыкIэрымыкIыххэм деж, Нэхунэ къыщечри:

– УкъыскIэрыхъыжьауэ щхьэ сумыгъэпсэурэ, на-а-а гущэ, – мэхъущIэ Нэхунэ. – ЩIымахуэр къоблагъэ. Цыр джын сыухыу Муратрэ Маринэрэ лъэпэд хуабэ яхуэсщIын хуейщ. Ар сымыухыу а си къуэрылъху цIыкIухэр къысхуэкIуэжмэ, си напэр текIакъэ. Къэзгъэгугъащи, и анэ и гурыфI къикIыу къыщишэнум пэплъэу щысу къыщIэкIынщ. Уэ ар къыбгурымыIуэу, КIущэ, укъыздэджэгуурэ сыбогъэгувэ. Щыгъэт иджыпсту! Армырамэ, уи нэкIур къыпхуесхулэкIынщ. Щыгъэт жысIакъэ! Ар КIущэ и тхьэкIумэм ихьэркъым. И джэгуныр къикIащи, ищIэр ищIэжыркъым.

– Жансурэт къэсыжым сыкъэпщIэнщ, – Нэхунэ щыжиIэкIэ, и джэгуныр занщIэу зэпегъэури, мэпщIэу, и пащIэхэр къегъэуври хьэ илъэгъуам хуэдэу зещI.

– УфIэфIкъым аракъэ, – цыр зэриджым хуэдэурэ жеIэ Нэхунэ. – Уимыгугъэ псори сэ схуэдэу къыпхущытыну. Сэ сыпсэуху уи дунейщи зыми уи жагъуэ къезгъэщIынкъым. Псэлъэгъуу, жэщгъуэлъу сиIэр уэращ. Уэ къищынэмыщIа Алыхьым и ужькIэ хъумакIуэу сиIэр Мыщэщ. Хьэ сакъщ. ПщIантIэм бадзэ къыдэлъатэми къещIэ жыхуаIэм хуэдэщ. Ар мыхъумэ си закъуэ пщIантIэ нэщIым сыдэсыфынт, унэми сыщIэсыфынт?

– Мяу-у-у! – мэпщIэу КIущэ.

– А-а-а, къызгуроIуэ, Мыщэ сызэрыщытхъур уигу иримыхьу аращ. Умыгузавэ уэри нэхъыкIэу услъагъуркъым. Куэд къысхубощIэ: жэщгъуэлъ усхуохъу, псэлъэгъуу, тегъэупIэу сиIэр уэращ, си КIущэ цIыкIу, – толъэщIыхь Нэхунэ абы и щхьэм.

– Мяу-у-у! – мэпщIэу аргуэру КIущэ.

– Сыт ари уигу иримыхьу ара? Азалыхь ба пхуэзмыщIынумэ сымыщIэ узыхуейр. Догуэт, догуэт! Мис иджы къызгурыIуа си гугъэщ. Мурид и гугъу сыбгъэщIыну аращ. Пэжщ, ар си къуэщ. А зыращ си кIэтIий кIапэ къыпыкIауэ мы дунеишхуэм щызиIэр. СылIэмэ сыщIилъхьэжыну сызыщыгугъыр аращ.

АбыкIи аразы мыхъуу, КIущэ аргуэру нэхъ иныжу мэпщIэу.

– Иджыри узыхуейр сыт? Теурэзыр къыпхуэмыкIуэкIэ уэ, мыпсалъэ щхьэкIэ псори къыгуроIуэ. Уэ узыхуейр си щIалэр, Мурид зэзэмызэ фIэкIа къызэрымыкIуэжыр жызбгъэIэну аращ. Сыт мыгъуэ-тIэ абы ебгъэщIэнур. Къалэм дэсщ, махуэ къэс мэлажьэри хущIыхьэркъым. Уэр хуэдэу ар Iуэхуншэу щытамэ, нэхъ щIэх-щIэхыу къэкIуэжурэ сыкъилъагъунт.

АбыкIи арэзы зэрымыхъуам и щыхьэту, КIущэ аргуэру мэпщIэу.

– Тобэ ярэбий! Псоми зырызыххэу сатемыпсэлъыхьу си Iуэхущ уи жьэр бгъэувыIэмэ. СощIэ уэ иджыри узыхуейр, Жансурэт и гугъу сыбгъэщIыну аращ. АбыкIэ сэращ къуаншэр. Сигу къихьэху абыхэм сатепсэлъыхьурэ уесащи, зыгуэрым и гугъу сщIа иужь, зыри къэзмыгъанэу псоми я щхьэфэ симыIэбэу пшхыр уи дзажэ дыхьэркъым. Иджыри уувыIэнукъым Жансурэт щхьэкIэ тIэкIу сымыхъущIэу. ПцIы сыупсынкъым – абы и зэранкIэ куэдрэ къонэ си щIалэ закъуэр къэкIуэжыну. Къалэм къыдэIэпхъукIыжу къуажэм къигъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ щытащ, арщхьэкIэ а си нысэ Жансурэт хуидакъым. «Сыт а къуажэжьым Маринэрэ Муратрэ дебгъэщIыхьынур, щIэныгъэншэу, мыкхъэмывэу къэбгъэхъуну ара узыхуейр» – жиIэри си щIалэм пэгъуэлъащ. Быным уимыгъэщIэн щыIэ, къэдзыхащ си щIалэри. Си дежкIэ нэхъыфIтэкъэ, КIущэ, ахэр къызбгъэдэсу щытамэ. Зы мыхъуми ди унэм бахъэмэ къыщIихынт. Иджы уэрэ сэрэ сытым дыщыщ мыгъуэ. Уэ сыпхуэтхьэусыхэурэ си гур согъэтIысри, абы нэхъ гурыфIыгъуэ симыIэу сопсэу. Узижагъуэным иузакъуэ, дыщэм ухэсми IэфIкъым. БампIэ дэхыпIэу сиIэр лIыжьырати, и насып къыстекIуэри, си япэ хьэдрыхэ кIуэжащ. Сыхуэарэзыщ. Тхьэм ахърэт нэхур къритауэ къыщIигъэкI. Дыздэпсэуху зы махуи си жагъуэ къищIакъым. Абы къысхуигъэна гъэтIылъыгъэращ нобэр къыздэсым сызыкъуэсыр. СылIэми сызэрыщIалъхьэжын гъэтIылъыгъэ схуищIащ.

Следующая страница